Мурат Кумышев. «Фlэхъус фыдох»

RUS | EN

Kavkaz Music TV. Лучшая музыка Кавказа, песни, видео.

Мурат Кумышев. «Фlэхъус фыдох»

Мурат Кумышев

«Фlэхъус фыдох»

Текст песни


1 куплет
Уи нэр зэтепхмэ гухэлъхэр къабзэу
Гу зэIухакэ махуэр щIэбдзам
Лъэпкъу нэхъ дахэм ар и нэщэнэщ
Нэмыс зыхэлъу адыгэу хъуам
Нобэ ди лъэпкъыр зэбгырыдзами
Хабзэ, дэхагъкэ псори дахьэх
Дэнэ щымыIэми гуапэу яхэту
Я мурадыфIым жэщыр ещI нэху

Припев:

Къэйсэри, Адани, Стамбыли, Мараши
Адыгэ псоми фIэхъус фыдох
Мерсини, Трабзони, Самсуни, Антальи
Фи гъащIэр дэхэну дынывохъуэхъу

2 куплет
Тыркум и щIылъэм ди лIыхъужь бланэм
Адыгэм и цIэр фIыкIэ егъэIу
Ди пщащэ гуакIуэм и теплъэ дахэм
И псалъэ пэжым псори щIодэIу
ЩIалэм нэхъыжьым гулъытэ хуищIу
Ущие къабзэкэ нобэ къэса
ФызэрыIыгъу мэхуэщIэм пежьэу
Берычэтыр ди Тхьэшхуэм зыбгъэдилъхьа

3 куплет
Адэжь щIыналъэм къэвгъэзэжыну
ЗэгуэркIэ фи гум мурад ифлъхьам
Ди къэш, ди шыпхъухэм псоми вжыдоIэр
Къэбэрдей щIылъэм къывех салам
Псынэпсхэм фи Iур фоупсу фщащIу
Гъэгъахэм я нэхъ мэ IэфIхэр фIууэнщ
Iуащхьэмахуэпэ жыжьэу къыфхуэплъэу
Фыкъытхуеблагъэ псом къывжиэнщ