RUS | EN
Ибрагим Маремкулов
«Си нанэ»
Текст песни
Дунейм и 1эф1ыр къыдэзыгъащ1э,
Ди адэхэр Ди анэхэр къытхуэзылъхуа
Си Нанэ дахэурэ си псэм и гъащ1э,
Уи 1эпл1эр тф1эмащ1эу Дэ дыкъэхъуащ.
⠀
Нанэ, си дахэ
Нанэ, си 1эф1.
Уэ къыпщырехуэ Тхьэшхуэм и нэф1.
Бын и быныжхэр ису уи куэщ1,
Уи узыншагъэр иремык1уэщ1.
⠀
Уи псалъэ щабэхэр гум къо1ущащэ,
Уэ Уи 1э щабэмк1э 1э къыддэплъам,
Псэм зыщет1агъэ дахагъэм и фащэр.
Гъащ1э гъэдахэу дунейм къыдита.
⠀
Уи нэк1у зэлъахэм сф1эф1щ сы1уплъэну
Дызыущийуэрэ гъащ1эм и къуэпс
Солъэ1у ди тхьэшхуэм утхуихъумэну
Къемыхыу Уи нап1эм зэи зы тк1уэпс