RUS | EN
Вадим Хатухов
«НасыпитI»
Текст песни
Гъатхэ дыгъэми хуэзэшауэрэ,
Псэр хуэп1ащ1эу 1эпл1э ирешэк1.
Дыгъэ къуэпсхэри пкъым зыхьауэрэ,
Гур къоушри гугъэм къырехуэк1.
Уи насыпри, си насыпри
Насыпит1ыри блэдгъэк1ащ.
Къыдихыжыри сэлам гуапэри,
Лъагъуныгъэри ежъэжащ.
Жъыьгъэ къепщэхэм ирихьэжъэри,
Псалъэ 1эф1хэр псори лъэтэжащ.
Гугъэр гущ1эми итк1ухьыжыри,
Гухэлъ тщ1ари псори к1уэдыдащ.
Уи насыпри, си насыпри,
Насыпит1ыри блэдгъэк1ащ.
Къыдихыжыри сэлам гуапэри
Лъагъуныгъэри ежъэжащ.
Ди блэк1ахэми сыхуоплъэк1ыри,
Гугъэ 1эф1хэм псэм сыныхешэж.
Насып гъуэгури зэхок1ыжыри,
Къытхуэнар иджы зы гукъэк1ыжщ.
Уи насыпыр, си насыпри,
Насыпит1ыри блэдгъэк1ащ.
Къыдихыжыри сэлам гуапэри,
Лъагъуныгъэри ежъэжащ