Амирхан Амшоков. «Адыгэр фlыуэ фызэрылъагъу»

RUS | EN

Kavkaz Music TV. Лучшая музыка Кавказа, песни, видео.

Амирхан Амшоков. «Адыгэр фlыуэ фызэрылъагъу»

Амирхан Амшоков

«Адыгэр фlыуэ фызэрылъагъу»

Текст песни

Адыгэр ф1ыуэ фызэрылъагъу
Адыгэр ф1ыуэ фызэрылъагъу
Фызыхуэмыхъу дунейк1э егъу,
Ф1ыуэ нобэ дызэрымылъагъум
Нэгъуэщ1ыр къак1уэу дыкъилъагъункъым
Адыгэр ф1ыуэ фызэрылъагъу

Адыгэр ф1ыуэ фызэрылъагъу
Адыгэ т1эк1ум щ1ыхьхэр зыхуэф1щ
Щ1ыхь зыхуэхыщ1ым щ1ыхьи къыхуащ1
Нэмысрэ щ1ыхьрэ зыхуэдмыщ1ыжым
Нэгъуэщ1ыр къак1уэу дэ къытхуищ1ынкъым
Адыгэр ф1ыуэ фызэрылъагъу

Насыпыр джэшк1э щ1ым щамыгъуэш
Насыпыр джэшк1э щ1ым щамыгъуэш
Къимыхьыр 1эпщэм хъуркъым насып
Щ1ым насыпыншэ зыщыдмыщ1ынум
Нэгъуэщ1ым ф1ыуэ зедгъалъагъунум
Адыгэр ф1ыуэ фызэрылъагъу.

Адыгэр зыр зым фыхуэгумащ1э
Адыгэр зым зыр фыхуэгумащ1э
Гумащ1э зыхум дахэщ и гъащ1эр
Зэбий зэижхэм ди лъэпкъыр мащ1э
Зэрыдэхъуари бынхэм иращ1э
Адыгэр ф1ыуэ фызэрылъагъу