Аза Хуранова
«Гуащэмахуэ»
Текст песни
Л1ым я леймрэ шым я леймрэ
Сынырахьэжьэри…
Сы- Гуащэмахуэ
Сырымэурэ си зэпэщ1э1ури
Мы жэщ мазэхэми зэрогъэлъэлъри…
Сы- Гуащэмахуэт.
Си нэписит1ри къысф1елъэлъэхыурэ
Сядэм и унэми сыдомыхащэрэт…
Сы- Гуащэмахуэт.
Къуажэ-къуажэурэ сызыдэпхьэмэ
«К1ахэ хьэщ1эщ»,- жа1эри
СИ напэ хужьыр къысхуагъэуц1ыплъ…
Алътесымрэ чэсеймрэ
Мы бжьыхьэ жэпми къысхуегъэуф1ыц1ри…
Сы- Гуащэмахуэт…