Черим Нахушев. «Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ»

RUS | EN

Kavkaz Music TV. Лучшая музыка Кавказа, песни, видео.

 Черим Нахушев. «Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ»

Черим Нахушев

«Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ»

Текст песни

Насып вагъуэу къысlэщlопсыр
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.
Гугъэ щэхухэр пхузопсыхьыр
Уи гупсысэм сыхосыхьыр
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.

Сыкъыдэкlым сэ ди пщlантlэм
Узогъащlэр дэнкlи сlуантlэм
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.
Сэ сфlэмыфlми убзэныгъэр
Сфlэфlщ схэлъыну пэжыныгъэр
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.

Уэ мы си гур пlэщlызолъхьэр
Си щlэлэгъуэр нытызолъхьэр
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей
Угъэнщlащи зы lэфl гуэркlэ
Схуэтыфынущ си псэр уэркlэ
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.

Мыупщlэжу лъэм сынешэр
Гум и гу щlасэр зыбгъэдешэр
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.
Соlэт си щхьэр уэркlэ лъагэу
Узэрызиlэм щхьэ сыпагэу
Лъагъуныгъэм и хьэтыркlэ уей.