Астемир Теркулов. «Щызгъэтынт»

RUS | EN

Kavkaz Music TV. Лучшая музыка Кавказа, песни, видео.

Астемир Теркулов. «Щызгъэтынт»

Астемир Теркулов

«Щызгъэтынт»

Текст песни

1 куплет:

Щызгъэтынт мы щIылъэр щхъуантIэу,
Сытым щыгъуи щызгъэтынт.
ЩхъуэкIэплъыкIэу, зей мыгъуатIэу
Удз гъэгъахэр пызгъэтынт.
ЩысщIэр мы дунейм сфIэмащIэу
Дэни лъагъуэ щыхэсшынт.
Сызыхуэзэм, псэр гумащIэу,
Дыгъэбзийуэ зесшэкIынт.

Припев:
Аращ гъащIэр, макIуэ гъащIэр,
И IэмыщIэм дримых.
Мы сигу къабзэм и лъэIу мащIэр
ЖысIэ пэтми зэхимых.

2 куплет:

Си гурылъыр джэрпэджэжу
Ауз хуитхэм дэз къэсщlынт.
Цlыхур цlыхум емыщэжу,
Зыр зым щысхьу згъэпсэунт.

Сигу и макъыр зэхих сфlэщу
Уафэ къащхъуэм сыдоплъей,
Сыкъеплъыхмэ, псы жэм щещlэу
Пщlащэ гъуэжьхэр псым щожей.

Припев:
Аращ гъащIэр, макIуэ гъащIэр,
И IэмыщIэм дримых.
Мы сигу къабзэм и лъэIу мащIэр
ЖысIэ пэтми зэхимых.