RUS | EN
Черим Нахушев
«Хъуапсэгъуэ гъащlэ»
ТЕКСТ ПЕСНИ
Мы сигу къилъыхъур
Нэм имылъагъурэ
Псэгъу сырилъыхъуу
Пщ1ыхьэп1эу слъагъурэ
Насып щ1эхъуэпсурэ
Щ1алэгъуэр изомыгъэх
Сигур зэхэпхырэ
Псэм сыкъыхихтэмэ
Хэдэ уагъэщ1ырэ
Сэ сыкъыхэпхтэмэ
Ды насыпыф1эурэ
Ф1эраф1эу дыздэпсэунт
Нэр зыщыджэлурэ
Зи теплъэр дахэ
Шэфэл дэхащэри
Къызыритауэрэ
Насып зэк1ужк1эрэ
Ди Тхьэшхуэр
Зыхуэупсэн
Уэрщ си насыпыр
Псэр зы1эщ1эслъхьэр
Хьэтыр уи1эхэмэ
Зыщомыдзейуэрэ
Уэгу дыздибгъыхьэмэ
Хъуэпсэгъуэу дыздэпсэунт
Нэр зыгъэ1эсурэ
Гур зыщ1эхъуэпсурэ
Псэр зыхуэкъабзэурэ
Бзэр зыдэ1эф1ымэ
Ф1ы лъагъуныгъэщи
Зэгъусэу ф1ыщ1э хуэдгъэщ1
Хуэдгъэщ1 ди гъащ1эщи
Къыздэдгъэщ1энущи
Насып къэдгъэщ1ымэ
И лъабжьэ хъунущи
Ди жьыщхьэ махуэмэ
И лъащ1эр щ1эншэ ирехъу
— — — — — — — — — — — —
Сигум къихъуэпсыри
Си псэ хэлъхьэжурэ
Жэщым махуэщ1эр
Къысхутришэжурэ
Уэрыншэ гъащ1эмэ
Си гущ1эр ныщ1елъэсык1
К1эух зимы1эри
Ф1ы лъагъуныгъэщи
Щам сыхагъадэми
Уэращ къахэсхыри
Шэчыгъуей гъащ1эмэ
Нэхъ щ1эху уэ сыкъыхэш.