RUS | EN
Ибрагим Маремкулов
«Ди насыпыр»
Текст песни
1).Зэманыф1хэр сигу къэк1ыжым
Псэр мэгъагъэри еее,
Дыгъэм хуэдэу ди насыпым
Сыкъегъэхуабэри еее…
⠀
Припев:
Ди насыпыр нобэ,
Тхьэм тхузэхилъхьащ.
Ди унагъуэм ф1ыгъуэр илъу,
Си псэ зы дыхъуащ.
⠀
А насыпыр нобэ,
Тхьэм дэ къыдитащ.
Ди нэ ди псэр зэ1ущащэу,
Гъащ1э тхуиухуащ.
⠀
2).Ди гуф1эгъуэщ нобэ дахэм
Лъэпкъит1 зыхохьэри еее,
Пшынэм къытхуриш макъамэм
Дыкъыдофэри еее…
⠀
3) Ди нэхъыжьхэм я хъуэхъу дахэм
Къытхуыпащэри еее,
Гъащ1э дахэ къэдгъэщ1эну
Тхьэм хуолъа1уэри еее…