RUS | EN
Ибрагим Маремкулов
«Дыкъыздэгъафэ»
Текст песни
Пшынэм мэкъамэр ешэщl,
Пшынабзэм си гум зыдещl.
Си гум дыщlыгъуу,
Ди лъэр щlэлъэту
Дыкъыздэфэну сыхуейщ.
⠀
Ежьу:
Дыкъыздэгъафэ
Адыгэ къафэ.
Дыкъыздэгъафэ,
Си гум щызгъаф1э,
Адыгэ къафэ, уей.
Дыкъыздэгъафэ
Адыгэ къафэ.
Дыкъыздэгъафэ,
Дыкъыздэгъафэ,
Адыгэ къафэ, уей.
⠀
2.
Гъащlэм и мазэр къыкъуокl,
Си тхьэlухудыр къыдокl.
Дэ т1ур зэгъусэу дыкъыдэгъафэ
Пшыналъэ дахэми уей
⠀
3.
Си гур уи льыгъэм хэхуащ,
Си дахэ, уэ сыпхьэхуащ.
Дэ тlур зэк1ужу
Дыкъыздэгъафэ,
Гъащlэ макъамэр ууейщ