Марат Казаков. «Си хэку и къафэ»

RUS | EN

Kavkaz Music TV. Лучшая музыка Кавказа, песни, видео.

Марат Казаков. «Си хэку и къафэ»

Марат Казаков

«Си хэку и къафэ»

Текст песни

Джэгум и макъым си лъэр щlегъэкlыр,
Си гум къегъэкlыр лъэпкъ и къафэжь.
Адыгэ Хэкум дахагъэу къекlуэкlыр
Дадэ къеlуатэ ,къыдэсу жьантlэжь.

Си хэку и къафэ,Адыгэ къафэ
Псэм ухэпщlауэ укъыдокlуэкl.
Утыкум къохьэ Ди ажыгъафэр
Пшынэ макъамэм къигъанэкъым лъэкl.

lэгуауэ иныр къызэщlоlэтэ,
Жыжьэр къокlуатэ,гъунэгъур къыдокl.
Лъыр ерехужьэри Уи пкъыр мэятэ
Къэфэгъуэ зылъысым зэи блимыгъэкl.

Си хэку и къафэ,Адыгэ къафэ
Псэм ухэпщlауэ укъыдокlуэкl.
Утыкум къохьэ Ди ажыгъафэр
Пшынэ макъамэм къигъанэкъым лъэкl.

Къафэ,Хэкужьыр,уиlэщ Гуфlэгъуэ.
Уи дэрэжэгъуэр дэнэкlи нос.
Уримыхьэлlауэ зэи гуныкъуэгъуэ,
Насыпыр уэсу Ди лъахэм къыщос.

Си хэку и къафэ,Адыгэ къафэ
Псэм ухэпщlауэ укъыдокlуэкl.
Утыкум къохьэ Ди ажыгъафэр
Пшынэ макъамэм къигъанэкъым лъэкl